Текст песни Къэрдэнгъущ1 Зырамыку - Хьэнифэ и гъыбзэ

Исполнитель: Къэрдэнгъущ1 Зырамыку


Уэией мыгъуэ, рэ, Бахъсэн псыхъуэшхуэ мыгъуэми, рэией!
Ар бахъае мыгъуэри къызэрыдохри,
Зэныбжьэгъухэри, рэ, къызэрыдох мыгъуэри, уэией,
Уэ, Хьэнифэри яlэщlокlуадэри.

Ери ей мыгъуэ, уэр, нобэрей махуэри, рэией,
Уэр, Хьэнифэ мыгъуэмэ, уэр, уи махуэ гъитlрэ,
Усэгъитlхэр, иджы, уэ къыпхуэзыгъэш мыгъуэри, уэией,
Уиадэ-уианэ мыгъуэрэ, уэр, укъэзылъхугъэрщи.

Уиадэ-уианэурэ, уэр, укъэзылъхугъэ мыгъуэри, уэией,
Мыр мы махуэхэми къыпхуогузасэри,
Щlалэ фэпс мыгъуэурэ уэ узыукlыгъэ мыгъуэри, рэией,
Хьид махуэ мыгъуэмэ, уэр, мэгузэсэжрэ.

Инджылызурэ, уар, кlэрахъуэ цlыкlу мыгъуэри, рэией,
Уэр, Хьэнифэ мыгъуэмэ, уэр, уи гущхьэ лысрэ,
Чэнифасурэ, уэр, уи дуфач дахэ мыгъуэри, рэией,
Щыпхуэигъуэ мыгъуэмэ, уей, щрамыгъэхрэ.

Чэнифасурэ, уэр, уи дуфач дахэ мыгъуэри, рэией,
Щыпхуэигъуэ мыгъуэмэ, уей, щрамыгъэхрэ,
Хьэнифэмэ, уэр, щахыжа щыгъын мыгъуэри, уэией,
Хьэдэгъэпскl гущэмэ, уэр, ныхуагуэшыжри.

Абрэджхэ, уэр, Мыхьэмэт lэл мыгъуэми, рэией,
Дэ ды джэгу мыгъуэмэ, уэр, зыщегъэлъагъуэрэ,
"Сэ сишэ мыгъуэри, уэр, зыкlуэцlыхуа мыгъуэми, рэией,
Муслъымэн мыгъуэмэ, уэр, зигъэлъэгъуэнт" - жи.

Ар, Хьэнифэмэ, уэр, зыфlимыгъэщl мыгъуэурэ, рэией,
Етlуанэ мыгъуэуи къафэнуи тохьэрэ,
Лакировэнэуи, рэ, и туфлъэ дахэ мыгъуэми, рэией,
Лъы пцlа мыгъуэри, уэр, къыдеупцlыкlрэ.

Ар Хьэнифэ мыгъуэмэ, уэр, уи шылэ хъар мыгъуэри, рэией,
Ер, суд унэ мыгъуэми, уэр, къыщагъэлъагъуэрэ,
Хьэнифэ зылъэгъуа бзылъхугъэхэри, рэией,
Дэ дяпэкlэ джэгу иремыкlуэж, иджы.

Данэ гущэурэ, ар, сэ си шарф дахэ мыгъуэри, рэией,
Ар, а махуэ мыгъуэми жьэгъуми щlотlатlэрэ,
Щlалэ фэпсми, уей, зыхуэзгъэтlатlэ щхьэкlэ, рэией,
Шэ фlыцlэжь мыгъуэмэ, уэр, срегъэпсыхри.

Ер, сауруэрэ, уэр, си бэщмакъ дахэ мыгъуэри, рэией,
Ей, си лъапэ мыгъуэми пызогъэкlуэтрэ,
Щlалэ фэпс мыгъуэмэ, уэр, секlуэтэлlэнщ жысlэ щхьэкlэ, рэией,
Щlы фlыцlэжь мыгъуэри, уэр, къыстребгъатхъуэрт.

Другие песни этого исполнителя




Copyright © 2016-2024, "Тексты песен"

Обратная связь

Права на тексты песен, а также их переводы принадлежат их авторам. Все тексты и их переводы представлены исключительно для ознакомления.