Текст песни Къэрдэнгъущ1 Зырамыку - Жансэхъухэ я нысэм и тхьэусыхэ

Исполнитель: Къэрдэнгъущ1 Зырамыку


Тхьэщlагъкlэрэ зэджэ мэзри зы мыщхьэт, ией,
Ищхьэм щыхуарзэ бгъэшхуэ гущэри зы джэдыкlэт!

Жансэхъухэ къащlэныгъэ закъуэ, ией,
Дэнэ мыгъуэмэ сэ усхьыжыхэн?

Нэхъыщlэкlэрэ, уар, Жамбэрэмэстэкъэ, ией,
Нэхъ ескlэрэ, уэр, Жамбэрэсэхъут!

Жансэхъухэ къащlэныгъэ закъуэ, ией,
Дэнэ гущэмэ сэ усхьыжыхэн?

Зекlуэшурэ, уар, пщlэгъуалэ дахэркъэ, ией,
Рэ, фызабэш хабзэ гущэти, уэр, мэщыгъуэ!

Гъуапэншэурэ, рэ, си афэ псыгъуэркъэ, ией,
Сэ зызгъэкlэрахъуэ гущэурэ, уэ, солажьэ!

Жансэхъухэ фэ сыт щхьэкlэ фылажьэрэт, ией,
Фэ фи лэжьыгъэбэ гущэри, уэр, мэкъутэ!

Кхъухьышхуэ гущэмэ сэ срикъутахуэти, ией,
Хышхуэмэ и гущlыlу гущэмэ, уэр, сыкъонэ!

Пщышхуэурэ дыкъызыкъуэнэ гущэми, рэуэ ией,
Рэ, набдзэкlэщlэш гущэри, уэр, къеублэ!

Урысмэ я шыгъашхэ гущэу дэ дагъашхэри, ией
Лъхукъуэлlмэ я вы гъэшха гущэурэ дэ дашхыжыр!

Щlыуэрэ узытезгъэувэ гущэри щlобэткъэ, ией,
Бэтэхыурэ узэрысхэ гущэри, уэр, мэхашэ!

- Жансэхъухэ къащlэныгъэ закъуэ, ией,
Дэнэ мыгъуэмэ сэ усхьыжыхэн?

Мысостхэ я унэ гущэмэ сэ узохьыркъэ, ией,
- Мысостхэ я унэ гущэмэ уэ сумыхь, дианэ!

Мысостхэ я фыз гущэхэр я тепщэкъэ, ией,
Езы гущэхэр, уэ, пщы еру лъэпкъ гущэурэ яlуатэ!

- Тохъутэмыщхэ я унэ мыгъуэмэ сэ узохьыркъэ, ией,
- Тохъутэмыщхэ я унэ гущэмэ уэ сумыхь, дианэ!

Тохъутэмыщхэ я унэ мыгъуэри гъуаниблкъэ, ией,
Ар бзаджэнаджибл гущэмэ, уэр, я кlуапlэщ!

- Жансэхъухэ, рэ, я щlалэ закъуэ, ией,
Дэнэ мыгъуэмэ сэ усхьыжыхэн?

Андзорхэ я унэ мыгъуэмэ сэ узохьыркъэ, ией,
Ар лlакъуэрыгушхуэ щхьэкlэ, уэр, лlыгъэншэхэщ!

Къуэгъулъкъуэхэ я унэ мыгъуэмэ сэ узохьыркъэ, ией,
Рэ, закъуэрыгушхуэ гущэщи, уэр, лъэпкъ мащlэщ!

Арысейуэ хэкушхуэ мыгъуэмэ сэ узохьыркъэ, ией,
Пащтыхьыжьмэ щхьэ пылъапlэр, уэр, и куэдщ!

Истамбыл хэкужь мыгъуэмэ сэ узохьыркъэ, ией,
lэпыупщl-лъэпыупщl мыгъуэри, уэр, щыхабзэщ!

Къуалэжьымрэ, уар, уэркъыжьымрэ зэхуэдэкъэ, ией,
Уакъыкъуэмынэн гущэкlэ, уэр, сошынэ!

Къуалэм лы щигъуэт мыгъуэмэ щохуарзэ, ией,
Уэркъыжьыр былым щигъуэт мыгъуэмэ, уэр, щопсыхыр!

Жансэхъухэ къащlэныгъэ закъуэ, ией,
Дэнэ мыгъуэмэ сэ усхьыжыхэн?

Ар пкlэлъейзэпыщlэкlэ, ией,
Мыр, Урды бгъуэнщlагъ гущэмэ сэ ущыспlырт!

Я къуалэри, рэ, я вындри мэхашэкъэ, ией,
Тхьэшхуэмэ и шэ фlыцlэ гущэри Тыжь Пакъ къытихуэ!

Другие песни этого исполнителя




Copyright © 2016-2024, "Тексты песен"

Обратная связь

Права на тексты песен, а также их переводы принадлежат их авторам. Все тексты и их переводы представлены исключительно для ознакомления.