Текст песни David - Си къашэныр аращ

Исполнитель: David


Кавказ щхьэщыгум и акъужь мащIэм
Пшэр егъэкIуасэ гущэ уэуи
Си пщIыхь нэIуасэу гур зыгъэкIуасэр
Си тхьэIухудыр аращ.
Тхьэрыкъуэ пщэхуу зэпсэгъу цIыкIуитIым
ЗызыхуагъафIэ гущэ уэуи.
ГущIэ щызгъафIэу си псэм фIэIэфIыр
Си тхьэIухудыр аращ.

Ежьу:

Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да ар си нэ си псэщ еу-уэ-ра-да
Си лъэгъуныгъэри еу-уэ-ра-да, си къэшэныр аращ
Ар си дахэщ еу-уэ-ра-да адыгэ пщащэщ еу-уэ-ра-да
Сызыгъэусэри еу-уэ-ра-да, си къэшэныр аращ.

Нэхущ бзу цIыкIухэр махуэщIэ къакIуэм
ЕкIуурэ хуобзэрабзэ уэуи
Пшынэм и Iэпэр зыхуэбзэрабзэр
Си лъагъуныгъэр аращ.
Дыгъэр я плъапIэу сэхуран гъагъэм
Хуэмурэ зыдагъазэр уэуи
Нанэ и плъапIэу си гум щызгъафIэр
Си тхьэIухудыр аращ.

Другие песни этого исполнителя




Copyright © 2016-2024, "Тексты песен"

Обратная связь

Права на тексты песен, а также их переводы принадлежат их авторам. Все тексты и их переводы представлены исключительно для ознакомления.