Текст песни Народная - Адыгэ нысэ унэм идошэ (Адыгъэ-Абаза)

Исполнитель: Народная


Адыгэ нысэ унэм идошэ
Адыгэ пшынэм щIыгур къыпаджэмэ, ори-ори-орира,

БжэIупэ джэгум къуажэр зэхишэмэ,

Хъуэхъубзэ усэр псым зэпидзыжымэ,

Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира,

Ежьу :

Ей жи, адыгэ лъахэ,

Ей жи, си хабзэ дахэ.

Дарий Iэщхьэху,

Къамэ Iэпщэху,

Нэ фIыцIэ нэху,

Джэгу уимыпсэху,

Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира,

Хьэзыр Iупэху ди щауэ уардэхэм, ори-ори-орира,

Си лъэпкъ гурыщIэр я уэрэдадэмэ,

Дыгъэр зэхъуапсэр и дыщэидэмэ,

Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира,
Ежьу :

Ей жи, адыгэ лъахэ,

Ей жи, си хабзэ дахэ.

Дарий Iэщхьэху,

Къамэ Iэпщэху,

Нэ фIыцIэ нэху,

Джэгу уимыпсэху,

Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира,

Гъатхэм я дахэр лъапсэм къырихьэмэ, ори-ори-орира,

Бжьыхьэм я бэвыр жьэгум къыдилъхьэмэ,

Къалъхуа мэзащIэр и нэмыс щапхъэмэ,

Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира,

Ежьу :

Ей жи, адыгэ лъахэ,

Ей жи, си хабзэ дахэ.

Дарий Iэщхьэху,

Къамэ Iэпщэху,

Нэ фIыцIэ нэху,

Джэгу уимыпсэху,

Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира,

И фоужь матэр дадэ икъутамэ, ори-ори-орира,

Пшэплъыфэ Iупэм ухахьыр фоущхьэмэ,

ФIыгъуэ къепхъыхыр уэшху къытешхэмэ,

Адыгэ нысэ унэ идошэри, ори-ори-орира

Другие песни этого исполнителя




Copyright © 2016-2024, "Тексты песен"

Обратная связь

Права на тексты песен, а также их переводы принадлежат их авторам. Все тексты и их переводы представлены исключительно для ознакомления.